-
1 зэран
вред, ущерб, убыток/ Ягъэ, хэщI, пэрыуэгъу, лъэпощхьэпо.Тутынымрэ фадэмрэ узыншагъэмкIэ зэранщ.* Джэримэсым и еджэныр ди зэрану уэ къыпфIощIыр. Акъ. З.{И} зэран егъэкIын навредить вред, нанести ущерб кому-чему-л.* Блэр къэпсалъэри: -Сэ си зэран уэкIынкъым, зыкъысщумыдзей, - къыжриIащ мэлыхъуэ цIыкIум. фольк. Иджы уэгъум и зэран гуэдзым екIыжынукъым, хагъуэ хидзэу хуежьащ. Iуащхь.Зэран хэхъухьын навредить (делу).* Iуэхум зыгуэр зэран хэхъухьырт, ауэ хэтми къэщIэгъуейт. Iуащхь.Зэран хуэхъун повредить, помешать, воспрепятствовать кому-чему-л.* Люся и лъагъуныгъэр япэ лъагъуныгъэу икIи лъагъуныгъэ пщтыру щыт пэтми, ар и еджэныгъэм зыкIи зэран хуэхъуртэкъым. Къ. Хь. КIукIуэ зимыгъэIэуэлъауэу къэтэджри пэшым къыщIэкIащ: и хьэщIэм зэран сыт щхьэкIэ хуэхъун. Iуащхь.Зэран хъун повредить, помешать, быть помехой.* ЛIыхъу джатэу Iэщэр фэ вгъабзэ, зэран хъу флъагъум фысакъ. Къэб. п. и ант.Зэран щIэн вредить, приносить вред, зло. {И} зэранкIэ "лIы гъэщIэгъуэныр" кIуэдауэ жаIэри къуажэ кIуэцIым хъыбарыпцIыр ду жэуэ Iуащ.